Telegram Web Link
Forwarded from Bgiris gurbian
Пасэрей ӏэужьымрэ нобэрей ежьумрэ

Уигу хигъахъуэкӏэрэ уигъэхъуапсэу, уигъэгупсысэкӏэрэ уиулъэщу Нэхущ Чэримрэ и ныбжьэгъу-ӏуэхущӏэгъухэмрэ дыгъуэпшыхь дызыхагъэплъа "ЛъэгъэДжэгу" уэрэдыпкъэм (music video, clip) зы мащӏэкӏэ сыпэджэжым, сыпэхъуэхъуэжым сфӏэигъуэщ.

Ипэращи, адыгэбзэкӏэ узэхыхьэрэ узэхэтрэ узэхэкӏыжыныр фӏым я фӏыжу зыгуэрщ. Чэримрэ и гупымрэ тыраха уэрэдыпкъэм пкъы къезытщ и адыгэбзэ къызэрымыкӏуэр. Адыгэбзэр къызэрымыкӏуэрэ абы къещӏэкӏыжа псор фагъуэмэ, къызэрымыкӏуэри къызэрыкӏуэ мэхъуж, ауэ гупыр зэхуэфӏу, зэщыщхъуу, зэхуэфащэу зэхуэсрэ нэщӏысауэ, зэдэхъуу, зэдэщӏу зэдэлажьэмэ, я ӏэужьыри дыгъуэпшыхьырейм хуэдэу гущӏэубыдэ мэхъу.

Ӏуэхум и къекӏуэкӏыкӏа псор умыщӏэу ухэлъадэрэ хэлӏыфӏыхьауэ хъуам цӏэиӏуэкӏэ фӏыщӏэ яхуэсщӏыжынщ жыпӏэмэ, зыгуэр къыпщыгъупщэнщ, гулъытэншэу къэбгъэнэнщи, емыкӏухь ухъунщ. Ауэ ӏуэхум и ублапӏэри, и курыхри, и кӏэухыри зэзыгъэуӏуауэ, псэ хэзыгъэкӏауэ, и гурыгъу-гурыщӏэхэр къытщыгугъкӏэрэ къытхуэзыупцӏэнауэ щыт Нэхущ Чэрим и цӏэр щхьэхуу измыӏуэнри емыкӏущ.

Си шынэхъыжь, уи ӏэщӏагъэм и щӏагъ щӏэлъ гузавэри, хъуапсэри, бампӏэри къыбдызогъащтэ. Мы ди адыгэ утыкум узэритрэ укъызэщӏэмыкӏуэжщ, уемызэшыжщ. Сыт иужь уимыхьами гурыхьу, гугъэзагъэу бощӏ. Си гущэ хэлъыгъуэу хэпша гъуэгу бгъуфӏэ-бжьыфӏэр си балигъ хъугъуэ хъуами зы мащӏэкӏи емыкӏэкӏуауэ зэрыбгъуфӏэщ, зэрыбжьыфӏэщ.

Гъуэгуфӏохъу апщий.

Уи шу гъусэу Шыбзыхъуэ ӏэстемыр
15👍3🤔3👏2🔥1
Ӏурдыным щыщ ди жылэгъухэу, ныбжьэгъухэу Хьэлащтэхэ Исхьэкърэ Зэйнэрэ Хэкум щохьэщӏэ. Зэйнэ и адэ-анэм илъэсищ ипэ къагъэзэжауэ Мысостей унэ-лъапсэ щаухуауэ дэсщ. Хьэлащтэ зэщхьэгъусэхэри зыщӏэхъуэпсыр, я плъапӏэр аращ. Фи къакӏуэ махуэ тхухъу. Фи хэку фыщыунэжыну, фыщылъэпсэжыну дыфхуохъуахъуэ!

#Djarez_ХьэщIэщым
👍2010👏5🔥1
ЩыгъуэщI тхылъ

Куэду ди жагъуэ хъуащ адыгэгу-адыгэпсэу, адыгэ театрым хуэлажьэу къэгъуэгурыкIуа режисер цIэрыIуэ ХьэщIэгъуэгу Къэсей зэрыщымыIэжыр. ЛIам и хьэдрыхэр нэху ухъу, Iыхьлы-благъэм ящызыгъэгъупщэн Тхьэм яримыгъэлъагъу. ЖылэкIэ, лъэпкъкIэ и Iэужь-лъэужьыр махуэ тхухъу.

#Djrz_ГуIэгъуэ
😢11
Щыгъуэщӏ тхылъ

Нобэ адыгэм псом ди зэхуэдэ нанэу къытщхьэщыта Цӏыпӏынэ Цацэ щӏэтлъхьэжащ. Цацэ нэгъэсауэ адыгэ цӏыхубзу къэгъуэгурыкӏуащ. Зы имыщӏами, Цӏыпӏынэ Аслъэн тхьэмыщкӏэр лъэпкъым къытхуигъэхъуащ, тхуигъэсащ.

Мыр зэрыжылэу ди хэщӏщ. Тхьэм тщызыгъэгъупщэн димыгъэлъагъу. Унагъуэм, лъэпкъым лажьэгъунэ яхухъу, хуащӏэн, хуалэжьын яӏэу кӏэлъигъэпсэу.

#Djrz_ГуIэгъуэ
😢162
КъызэщIэмыкIуэжу лэжьауэ, жылэкIэ тцIыхуу, ди щIэныгъэлI цIэрыIуэу Унэрокъуэ Мирэ и тхылъыщIэхэр фIыхьэхутыну Мирэрэ и къуэ Кубэ Нартрэ къызэрытхуагъэфэщам щхьэкIэ «тхьэуегъэпсэу» ядоIуэ. Мыпхуэдэ хъугъуэфIыгъуэшхуэ лъэпкъым къыхуэзыгъэна Мирэ и узи и лажьи укIуэди, и щIэныгъэр нэхъри Тхьэм игъэбагъуэ жыдоIэ.

Ужьыщхьэмахуэу, уигурэ уи псэрэ зэхуэфIу дяпэ илъэс куэдкIэ уитыну дынохъуэхъу!
🔥13👍74👏3
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
🔥Бзэр джынымкӏэ ӏэмэпсымэщӏэ!!

Нобэ нэӏуасэ фыхуэтщӏыну дыхуейщ Адышэс Азэмэт иужьрей и IэрыкI гъэщIэгъуэным.

Ар адыгэ лъэпкъым и бзэр хъумэным, шэрыуэу гъэлэжьэным хуэунэтIа, «Бжыгъэрыгъажэ» зыфIища Iэмэпсымэ телъыджащэращ.

Абы теухуауэ нэхъ убгъуауэ фыщеджэфынущ газетми📰 сайтым дежи: https://cherkes-haky.ru/adyshesym-i-bzhygerygazher/
👍11🔥5👏41
Forwarded from ДЖЭГУ
НыпгъэфIэж джэгур щыIэнукъым. Ди Iэ илъ къэнакъым.

Вследствие обстоятельств непреодолимой силы, Джэгу, посвященный Дню Черкесского флага, не состоится.
😢9👍2
Нобэ адыгэм ди ныпгъэфIэжщ!

УэщIыр щыIэху ди ныпымрэ лъэпкъымрэ зэщIыгъурэ зэдэщIу щыIэну дохъуахъуэ!
18👏8🔥6👍2
14😢5
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Гуауэдэх Iэ Iэтым и хабзэр

«Хэхэсым 1970 гъэхэм щагъэтыжу хуежьа зы жэнэзы хабзэт мыр...
Хьэдэр щIалъхьа нэужь хэгъэрейхэм я щIыбыр я унэмкIэ ягъэзауэ еувэкIхэт, я кум я лъэпкъ гъунэгъу нэхъыжьхэр яхэту, адрей лъэныкъуэми къекIуэлIа хьэщIэхэр еувэкIырт (иджыри апхуэдэщ), ти... щыгъуэщI нэужь хьэщIэ нэхъыжьхэм зыр ипэкIэ къэкIуатэт, и Iэ сэмэгу и тхьэкIумэм нэс къиIэтырти, дунейм ехыжамрэ къэнахэмрэ щхьа жиIэн хабзэр жиIэрти и Iэр ирихьэхыжурэ елъэшауэурэ икIуэтырт...

Мис мы хабзэр Быжхэ Саим тхьэмадэм дунейм ехыжа Шыгъэлыгъуэхэ Сами щIалъхьэу щеувэкIам деж щигъэлъэгъуэжащ... ЖаIэжу зэхэтхырти, япэрейуэ щытлъэгъуащ...»

Уэтейхэ Iумар

#Djrz_Гуауэдэх
🔥7👍32
🔥4
🔥133
2025/07/12 17:34:49
Back to Top
HTML Embed Code: